Лlыгъэ здэщымыlэм цlыхугъэ ущымылъыхъуэ,- жеlэ адыгэ псалъэжьым.
Лlыгъэр - ар къару инщ, сыт хуэдэ гугъуехьми къикlуэт имыlэу, шынэ хэмылъу, губзыгъэу, хэмыджалэу пэщlэтыфырщ. Уеблэмэ, нэхъ къару шынагъуэми, жыру ипсыхьырщ, къримыгъэкlуэтыфырщ.
Апхуэдэ адыгэлl телъыджэщ Гъуафэ Руслъан.
Узыфэ мащlэ абы ишэчакъым, дэтхэнэми лlыгъэ хэлъу къыlэщlэкlащ. Иджы, аргуэру и гур къэчауэ, хъыбар къытлъэlэсащ. Мыр едэпщанэми, тщlэркъым, ауэ а уз гуащlэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыри ди къуэшым къеlащ. Лlыгъэ ин хэлъу Руслъан, ажалым куэдрэ пэщlэтащ. Тlуапсы дэт сымаджэщым иджыпсту Руслъан щагъэгъуэлъащ. И гум, игъэбэуэну, гутхьэкlумэ lэрыщl халъхьащ. Къызыхэкlа шапсыгъ лъэпкъым къытехьэ лейр, и псэм темыхуэу куэдрэ утым ихьащ, урысей тхьэмадэхэми я пащхьэ мышынэу бэрэ щыпсэлъащ. Дунейпсом тепхъауэ тет адыгэ куэдым Руслъан и дунейтетыкlэр ящlэ, фlыуи къацlыху икlи къалъагъу. И гъащlэр лъэпкъым и гъуазэу, лlыгъэ хэлъу, лъэпкъым папщlэ, къикlуэт имыlэу къекlуэкl 
Руслъан, Алыхьышхуэм дыхуолъэlу, узыншэ дыдэу, псори дыщыгуфlыкlыу зэфlигъэувэжыну!
 
 
Хьэтэжьыкъуэ Валерэ 

 
 

лента новостей

посещаемость

Пользователи
1
Материалы
1638
Кол-во просмотров материалов
10973413