2024 гъэм щIышылэм и 7-м Къайсэр Хасэм иригьэкIуэкIа зимычэзу зэхуэсыр, КАФФЕД-ым къыхэкIыным ехьэлIар, зэфIэкIа нэужь, Iэмалыншэу мы джэпсалъэр утыку къитлъхьэн хуей мэхъур. Сыту жыпIэмэ, языныкъуэ вебсайтхэмрэ медиахэмрэ псалъэмакъ къыщаIэтыну хуожьэ илъэс бжыгъэкIэ елIалIэу яухуа Хэку зэпыщIэныгъэр Къайсэр Хасэм къызэпичын мурад зыхуигъэувыжа хуэдэу.
Дэ дызыгъэгушхуэр, ди лъэпкъыщхьэр хъума хъуным папщIэ едгъэкIуэкI бэнэныгъэм гугъэ къыхэзылъхьэр ди Хэкужьыращ. Шэч лъэпкъ хэмылъыжу дэ къыдгуроIуэр Хэку зэпыщIэныгъэр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу зэрыщытыр. Ара пэтми, Хэкумрэ дэрэ дызэрызэпыщIа хъун хуейм и мардэм, и принципхэм, и тегъэщIапIэхэм ехьэлIауэ диIэ еплъыкIэр къыщхьэщокI «статус-кво» щытыкIэм итхэм я еплъыкIэм, Хэку зэпыщIэныгъэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм нобэрей и унафэщIхэм я монополием щIэтын хуейуэ къызыщыхъухэм. Мыпхуэдэ ди IуэхуеплъыкIэм пхэнжу топсэлъыхьхэри, зэпымычу ар «Урысейм и бийуэ», «Хэку зэпыщIэныгъэр къызэпызыч» еплъыкIэу ягъэлъэгъуэну яужь итхэщ. АрщхьэкIэ дэ къытщыгьуазэхэм, нэхъ куууэ хэзыщIыкIхэм Iуэхур абы зэрытемытыр фI ыуэ ящI эр.
Диаспорэр щыгъэтыжауэ, Хэку дыдэр къапщтэми, дэ бжыгъэкIи къарукIи дызэрынэхъ мащIэм, ди жагьуэми, деувэлIэн хуейщ, пэжыр мыращи. Лъэпкъ мащIэхэм я хьэкъым, цIыхум и хьэкъым теухуа проблемэхэр нахуэу къыщыувми, ди лъэпкъэгъухэм щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ лей къащытехьэми, «Хэку зэпыщIэныгъэр зэпымычын» щхьэусыгъуэкIэ диаспорэм макъ къримыгъэкIыныр дэркIэ къемызэгъ Iуэхущ, Хэкум ис ди лъэпкъэгъухэми я сэбэп зыхэмылъ зекIуэкIэщ. Адыгэр щыпсэу хэгъэгу емылъытауэ, демократие хьэкъым дыщIэбэнын хуейщ дэнэ дежи. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, адыгэ диаспорэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм мыр я къалэн пэрытщ, дэтхэнэ зы лъэпкъ диаспорэми хуэдэу.
Мы къалэным пэкIуэу дэ къыдолъытэ: ди Хэкур зыхиубыдэ Урысей Федерацэм худиIэ зэпыщIэныгъэр лъэныкъуитIми зэхуащIыпхъэ пщIэм, диалог зэIухам тетын хуейщ. Лъэпкъ тхыдэмкIэ ди щхьэ кърикIуа гуауэм а гугъэр къыдет, дэ тхуэфащэ хуитыныгъэмрэ хьэкъымрэкIэ ар шэсыпIэу лъытапхъэщ. ФщIэнудыхуейтдемократие, мамырыгъэ Iэмалу щыIэухъуар къигъэсэбэпкI эрэ Къайсэр Хасэм мыпхуэдэ диалогыр зэтегъэпсыхьыным папщIэлъэкI къызэримыгъэнэнур.
Хэкум ирехъу, диаспорэм ирехъу - лъэпкъ ассимиляцэ политикэм хуэлажьэхэм, диаспорэр зыгъэIурыщIэну яужь ит гупхэм къатхъыхь къупхъэм лъэпкъ бэнэныгъэр ираукIэфынкъым. Ди жылагъуэ зэгухьэныгьэхэми мыпхуэдэ гупхэм зыщедгъэубгъуу тетыгъуэр ядгъэубыдынкIэ Iэмал зимыIэщ. Лъэпкъым дыхуэпэж пэтми, мыпхуэдэ гуп щхьэхуещэхэм я дискурсымрэ я политикэмрэ дазэрыпэщIэтым, я жьауэм дызэрыщIэмыувэм къыхэкIыу, лъэпкъымрэ Урысеймрэ дырабийуэ зэрагъэIур яхуэддэнукъым.
Къайсэр Хасэм и унафэщI гупым, мы псалъэр къытегъэзэжыныр тфIэемыкIу пэтми, жыдоIэ: зыгуэрым пэщIэтыныр, гъэбииныр дэ ди нэрыгъкъым. Иджыри зэ, дэ зыгуэрым езэуэныр ди мурадкъым. Хэку зэпыщIэныгъэр тфIэлъапIэ Iуэху пэрытхэм ящыщщ, дызыхуэлажьэри зыщ - лъэпкъыщхьэмрэ адыгэм и пщэдеймрэщ. Хэкум щыIэ дэтхэнэ зы институтхэм, структурэм, зэгухьэныгьэм - ар анэдэлъхубзэ Iуэхум, культурам, тхыдэм, гъуазджэм, спортым, экономикам пыщIа ирехъу - ди гуапэу дадэлэжьэну дыхьэзырщ.
Къайсэр Адыгэ Хасэм и унафэщI гуп