60 гъэхэм Къэбэрдейм еджапIэу итыр псори урысыбзэм щыхуагъэкIуэжым ар къыздыщIадзар Къэрмэхьэблэ (Каменомост) дежщ, абы директору тетар а зэманым Къамбий Мухьэбщ, а еджапIэр теувапIэ  (эксперимент площадка) ящIащ псори адыгэбзэм къытешауэ урысыбзэм хуэгъэкIуэнымкIэ. Мэлбахъуэр куэдрэ и "Волгэ" фIыцIэмкIэ дэкIуейурэ (адыгэм и бзэр кърачыну гуращэ зыдащIа) урокхэм щIэсу щытауэ жаIэж. Программэр езыгъэкIуэкIар  егъэджакIуэ Гугъуэт Лолщ. Ар зрагъэхъулIа иужькIэ Къамбийм герой соцтруда, Гугъуэтым орден Ленина къратащ, лэжьыгъэм кIэлъыплъу абы щыгъуэ завучу лэжьа Мырзэкъан Iэбузед завроно ящIащ.            

Мыхэр дауикI Iэмэпсымэу щытауэ аращ бзэр гъэкIуэдынымкIэ, ахэм щытхъупсыр кърагъэжэхыу куэдрэ екIуэкIащ ссср‐р лъалъэжыху. Лъэпкъым и нэхъыбэм къагурыIуакъым дызыхуэкIуэр зыIисыр, ауэ къэралыжьыр щылъалъэжым псы щIыIэ зи напэм щIакIа жейбащхъуэу зыкъом къигъэскIащ къыдащIам къигъэуIэбжьу, адрейхэр зэрыжейуэ къэнащ я бынхэм урысыбзэр нэхъыфIу ящIэ хъуауэ къащыхъужу.

КъэскIахэр зэхыхьэри Хасэ ящIащ "хъункъым апхуэдэу ди бзэр тIурачу, нэхъ мыхъуми пэщIэдзэ еджапIэр адыгэбзэм хуэдгъэкIуэжынщ" жаIэри. Зыдгуэшри къуажэ‐къуажэкIэ къэткIухьащ адэ‐анэ зэхуэсхэр едгъэкIуэкIыурэ. Къэбэрдейм и нэхъыбэм къыддащтащ мы Iуэхур Дзэлыкъуэ районым фIэкI къэмынэу (мыбдеж жьыр къыздепщэр къэфщIа ?). Мыбдеж уз хэтIэсар къигъэсэбэпри бзэр ягъэкIуэдын щыщIадзэм экспериментым хэтар завроноти хьэIусыпэ зрату районым исыр зэхуишэсри "адыгэбзэм дыхуэкIуэжри гуэншырыкъ диувэжри тIури зыщ" яжриIащ. Властми демократие фэр зытрикъуати мыр "добровольнэ" Iуэхущ жери адыгэ цIыхубэм къащта унафэр мы районым щыкIуэцIрыкIакъым (адыгэр щагъэкIуэдынум деж хуабжьу демократышхуэ мэхъу мы къэралыр).

Арати пэщIэдзэ еджапIэр адыгэбзэм техьэжри илъэс зыхыблкIэ цIыкIухэр къыпхуэмыцIыхужыну адыгэбзэр къаIурылъэлъу хъужащ. БжэкIэхэр ящIэ хъужат: тIощI, щэщI, плIыщI жаIэу, къуапэ, плIимэ, щимэ, зэпэплIимэ жаIэу, дробхэр: Iыхьэщанэ, IыхьэплIанэ, щаних, пщIанибгъу жаIэу, хэх, хэлъхьэ, гуэш, гъэбагъуэ жаIэу. АдкIэ дунейхэгъуазэр (природоведение) яджти къэкIыгъэхэм, хьэпщхупщхэм, къуалэбзухэм я цIэхэр адыгэкIэ ящIэу хъужат. Абы нэмыщIкIэ адыгэ хабзэр зы сыхьэт тхьэмахуэм ирагъджти псори зэтеуват хъарзынэу.

Зэи сщыгъупщэкъым хьэдрыхэр хэкужь лъапсэ зыхуэхъун егъэджакIуэ Жылау Нурбий мыгъуэр гуфIэу "ди цIыкIухэр къыпхуэцIыхужынкъым мы илъэс зыщыплIым зэрыхъуар" зэрыжиIар. АрщхьэкIэ ищхъэрэкIэ къепщэ жьы щIыIэм зыдагъэшу демократие фэри зытрагъэжыжри пыIэр къэхь жаIамэ щхьэр зыхьынухэр ищхьэмкIэ дэпщея хьэзырти псори якъутэжащ, къэсэхэжащ. Иджы адыгэбзэр и псэм еджэу телъщ, пэж хъуащ бзэм и гурыгъузым ихьу ди усакIуэшхуэ Бицу Анэдолэ жиIар ‐"Си анэдэлъхубзэ, си сабий сымаджэ зыщIэнур зымыщIэ анэу сыпщхьэщытщ". 

 

МЭШ Исмел, тхыдэтх, бэдаущ лэжьакIуэ


  

 

 

лента новостей

посещаемость

Пользователи
1
Материалы
1644
Кол-во просмотров материалов
11166647