Токъмакъ Айдын
Уэ уи бзэмкIэ тхыжа тхыдэ уимыIэмэ, уиIэр мэщIэмэ, уи блэкIам ущылъыхъуэжкIэ, нэгъуэщIхэм ятхахэм ущылъыхъуэу, ухэщыпэхъыурэ зыгуэрэхэр хэбгъуатэну, зыхуэбгъадэу зэплъытыну яужь уохьэ.
УщылъыхъуэкIэ тепщэгъуэр зыIыгъа лъэпкъыцIэхэм, пэтэсхэм (пащтыхь, кърал) я цIэхэм, щыпсэуа щыпIэ цIэхэм, абы щыIэ къуршыцIэ псыхъуэ цIэхэм, зырахьа IэщIэхэм, зырахуэ Iэщхэм, я щхыныгъуэ цIэхэм хуэдэ куэдым ухозэ, урохьэлIэ.
Хамэ щIэныгэлэжьхэри зытклэжьыхь гъущIIунэкIэ тха псалъэ куэдыр, зыпкъырахыфу къахуэIуатэкъым, хуэзгьэфэщауэ зыгуэрэхэр хужаIэу зэныкъуэкъыу хэмыкIыфыу къыщынэй хъут. Мыхэм зыр Брэдрих Хирознищ. Чэк лъэпкъым щыщщ, Асурыбзэм хуэIэзэу бзэ щIэныгьэлIщ. 1917 гъэхэм Чорум къалэм Хьэттушаш, пасэрей псэупIэ тIысыпIэр къыщатIэщIым щыгъуэ къытIэщIахэм къыщIэкI ятIагъуэ гъэжьа (таблэт) гъущIIунэтх тхыгъэхэр да лъэпкъым ейми ящIэртэкъым. Гугъу дехьыу, щымыхъужыхэм, «Мыр зейм езымкъигъуэтыжынщ!» хужаIа нэужь кIуэурэ «Хьэтт, ХьэтIитахэр зэрыщыпсэуар къыщIэщ хъуащ.
Дэ «Тэурат»кIэ дызэджэ, ез Журтхэр «Библие» зыфIаща я тхылъ лъапIэми Хьэтхэр «Heth» (Het) къызэрыхэщым хуэдэу «Hittim» псалъэри «Хьэт и къуэ» Хьэтыкъуэу лыгъуазэ хъуа Брэдрих Хырозни Британя Ансиклопэдиям 1929 гьэм «Хьэтит»у щыгьэлъэгъуащ.
Абы нэмыщ, Хьэзрэти Ибрахим (Аврам), и щхьэгусэ Сара дунейм ехыжауэ; («Кэнан хэгъуэгу» (Хьэнан ей) Макъпэла бгъуэнщIагъымрэ къыпылъ щIыпIэр зыдэщIыгъуу, шэкэл щиплI (400) пэштэк дыжын щIитыри къищэхуащ.) Сара абы бгъуэнщIагъым щыщIальхъащ. Уасэ щIиту къызыщищэхуар, а къалэм и дзэпщ Хьэтыкъуэу «Хьэтит Афрон»щю Мы щIыпIэр «Хьэнан»хэ щыпсэу щIыпIэу «Хьэнаней»щ.
АтIкIэ тхылъым къызэрыхэщу; Журтхэм (Ибрани) тепщэгъуэр зыIыгь Хьэзрэти Даут, и дзэм, дзэпщу щхьэщыт Хьэтит Iурия и щхьэгъусэм егуэкIуауэ, Бат -Щабэ и ныбэм бын зырихуар утыку къыщихьэм щыгъуэ, Хьэтит Iурия къыраджэжыри ешхэ-ефэ нэужьым, уи унэм кIуэжи зыгьэпсэху щIэлъыну жыраIауэ, унэм ягьэкIуэжащ. КIылъоплъхэ, унэм щIэмыхьэу бжэщхьэIум дей гъуэлъау щалъагъум щIоупщIэхэ: -Лъо ущIэхьэу уи унэ ущыщIэмылъыжыр? — жаIэу.
КъэжыреIэ:- Сэ си дзэр зауэм хэту, сэ си фыз сыбгъэлъыжыныр зэзгьэкIукъым! — жиIэу.
Апхуэдэу щыхъум ягьэкIуэж Хьэтыкъуэ Iурия зауэр щекIуэкI щIыпIэм. ЗыгурыIэу утыкум къыранэу, IуриярагьэукI, Даут, Бат-Щабэ ириха лейр щIэхьумау къэнэн папщIэ.
Мы къэтпсэлъахэр къыщекIуэкI щIыпIэр «Къэнанхэ я псэупIэ щIыпIэ хэгъуэгуу Хьэнанейщ. Грекхэм мы щIыпIэм «феникэ» фIащауэ тхыгьэхэм къыщIыхэщыр. Мы цIэр щIыфIащыным и щхьэусыгъуэ, Хым къыхах псэущхьэ цIыгьыбж (нэщIэпкIэ)м мащIэ дыдэу къыхаху, морэ плъыфэращ. Мы плъыфэм хэщIыкIа щэкIхэм хадыкIа лъапэ дыдэ щыгъынхэр щызытIэгьэфхэр хуххэха цIыхухэмрэ, пащтыхьхэрат. А псэупIэу щытам нобэ хузырахьэ цIэр «Сурие»щ, Асурхэм ейуэ, я цIэм къытехъукIа щIыпIэ, хужыпIэу. Щэн-Щахуэным хуэIэзэ мы лъэпкъым Анадолэ Кайсэри къалэм пэгъунэгъу «Култэпэ»р, щэн-щэхуапIэщхуэ (Къарун-Каниш) лъэлъэжам хузыраьа и цIэрат. Ахэм зы лъэхьэнэ ипэкIэ Хьэнанейхэми щаухуащ къалэ быдапэ «Халпэ», нобэрей и зехьэкIэр «Алеппэ» хъужау. Мы Алеппэ псалъэри къызыхэкIари, зы лъэужьыри Грекхэращ.
Хьэнанейхэм «Хьэ лъапIэ» щIыфIащар, «хьэ» къэкIыгьэр щылъапIэ щIыпIэ къырагьэкIыу арат. ЩIэныгьэлэжьхэми зырыжаIэмкIэ ХьэлъапIэр Хиса ипэкIэ лIэщIыгъуэ 29-27-м яухуау щыта къалэщ.
Хьэ щхыныгъуэ къэкIыгьэ гъавэр щыбэгъуам щыгъуэ гьэтIылъыпIэ хуэныкъуэ хъуащ. А гьэтIылъыпIэм хужаIар «Хьэм»щ.
Асур къыщагъуэтыжа тхыгьэжьхэм къызэриIуатэмкIэ «хьэт» паслъэр, журтхэм «хет» ящIауэ Тэуратым зытепсэлъыхъу игьэлъэгъуа пэтэсыр, тепщэгъуэр зыIыгъыр Хаммурапи,уэ игьэлъэгъуар Хьэмыр япэщ. Хьэмыряпа Хьэттщ Хьэтт Хьэмыряпэ щыпсэуа гьэхэри нахуэу къыхощ. Хьэзрэти Ибрахим (Тхьэм къарита щIыпIэу ялъытэ) зэкIуэлIыжауэ «хьэтт» «хьэнаней»хэм я пащтыхъыр «Хьэмыряпэ» (Хаммурапи)у егьэлъагуэ (Хьэзрэти Ибрахимрэ Хьэмыряпэ зэмылъэхъэнэгу жызыIэу, зытурымыIуэхэр хыдолъагъуэ). Пасэрей тхыгьэжьхэр къэзыхутэ, зыубзыху, утыку къизылъхэхэм дащыхэплъэкIэ а щIыпIэм щыпсэуахэмзырахъа бзэм хэт макъ бэгъуар яхузыхэмыхуу, Грекхэм, Ибранихэм, Хьэрыпхэм зырахьэ макъ мащэхэмкIэ ягъэIуу тхыгьэхэм щагьэлъагъуэкIэ щыуагьэшхуэхэм урохьэлIэ.
Елэжь щIэныгьэлэжьхэм Хинт-Еуропэ бзэм къыхэхъыукIа бзэхэмкIэ ятхахэм телэжьыхьу, иригьэкIуу, хуатхыжа тхыгьэ псалъэхэр, а макъ зырагьэIуахэм и бжьыгьэрхэр щэщIым (30) фIэкIкъым.
НытIэ, блыщI-йщI (70-80) хуэдиз бзэ макъ зезыхьа лъэпкъым къипсэлъахэр; и ныкъуэм нэмыс макъ зезыхьэ бзэхэмкIэ, и щIэныгьэлэжьхэм даурэ ятхыу зыраIуэтэфынур. Щапхьэхэу, псалъэм папщIэ: Аддэ, пасэрейм, къэхуэхьа утыкушхуэхэм (арена) зыпеуэу, щызэзауэ зауэлIхэм, я щIыфэ пцIанэм пщIэнтIэпсым, дыгьэм, сабэм хиеу трищIа фIей Iувыр фэм, щIыфэм псы хуабэ, бахъэкIэ гьэщIытауэ зыралъэщIын Iэмэпсымэм фыщауэ и цIэр (ди бзэр зырахьауэ) «щIытэрыкIэлъэщI»щ. Грекхэм мы Iэмэпсымэр зыратхыфар «стригилис»щ. Феплъ: (Strigilis).
Мэзэпотамя «Урук» къалэр зыухуа «Унэгъу» (Унуту ятхащ) и адэ, «Утэ» (Уту ятхащ) и къуэ пэтэсу (пащтыхь), (Хиса ипэ 27 лIэщыгъуэм) теувар «Мэзкъегьашэ»щ. КъатIэщIыжа тхыгьэжхэр щIаджыкIыу зырагьэлъагъуэф тхыкIэ щIыкIэр (Мескиаггашер)щ.
Шумархэм тхьэунэ «Закъуэрарат»ыр (Зиккурат) тхыгьэкIэ дагьэлъагъуу, мы тхэунэр зыхуаухуар «Ин/щу/шынагъуэ»р тхьэшхуэу ялъытэу, (Иншушинак)у ятхыжар хэт ибзэкIэ даурэ гурыIуэгъуэ зырытхуэщIынур. Шууэ щыIэм я нэхъ лъэрыхъу «Ин шу шынагъуэ»р зырагьэщхьу щытари уэм, уэгум щызежэ щыблэрат. УщыхэплъэкIэ, ущеджэкIэ псалъэхэр пхузыкъырыхмэ уи бзэм къеIуатэ. Тхакмуэхэм зыратхахэм хуэдэу уджэмэ зыри къыпхуимыхуй, къыбгурымыIуэу укъонэ. Уи бзэмкIэ мытхыжа тхыдэхэм уакъыхуэнэмэ уи бзэр зезыхьахэри, щызырахьа щIыпIэхэри пхухэлъэгъуэнукъым. Дыгъуасэ къежьа зы бзэ тхьэмыщкIэ къыпщыхъуу, зезыхьэж цIыху бжыгьэми еплъытми зы мащIэу хэплъагъуэу, уигьэгумащIу.
Пасэрейм щIыпIэ куэдым щызырахьа мы ди бзэр, зыдынэсыр, хэт утыку къизылъхьэжынур, бзэм елэжь, тхыдэтх, тхыдэдж щIэныгьэлэжь уимыIэмэ!
НэгъуэщIым тхуатхыжа тхыдэхэмкIэ, ди блэкIар, ди тхыдэр зэрызэдгьэщIэжынур?!
Дызыхэс щIыпIэм щызырахьэ бзэр тIурылъу, ди бзэр гуфIэгъуэми, гуауэми, зыхуэсыпIэ зыфмаща «хасэ»хэми щызедмыхьэжмэ бзэр хэкIуэдакъэ?
Бзэр хэкIуадэмэ дэ лъэпкъыу дыхэкIуэдакъэ?
Си кIэух псалъэщ, мыхэми дыхуэныкъуэщ, ауэ, пшынэ деуэу, уэрэд жытIэу, Iэгуджэгу, дыкъафэкIэ дэнэ дынихьэсын?
Зэ фызэгупсысыж!

