Опубликовано в

Тыркум щызэхэт адыгэ демократ партыр К1уэк1уэ Къэзбэч йолъэ1у, маим и 21-м куэд щ1ауэ хабзэ зэрыхъуам хуэдэу, мы гъэми Налшыч и уэрам нэхъыщхьэм тету лъэсхэри шухэри ирагъэк1уэну.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Іэтащхьэ
КIуэкIуэ Къазбэч

ПщІэ зыхуэтщІ Казбек Валерий и Къуэ. ЛъэпкъгъэкІуэдырэ адыгэхэр хэкум зэрырахуэр илъэси 162-рэ ирокъу. Накъыгъэм и 21-м тхьэмахуэ иIэжу, илъэс зэрырикъур щагъэлъапІэм деж, цІыхухэр полицэ участкэхэм зэрыраджэм теухуа хъыбархэр къыІэрохьэ, щхьэусыгъуэ пыухыкІа гуэри ямыІэу цІыху куэд зыхэт щыгъуэ зэхьыхьэхэм щыхэткIэ хабзэр къызэпамыдуын «хъыбар езыгъащІэ» хъыбарегъащІэхэр зэхалъхьэн папщІэ.

Диаспорэм щыпсэу адыгэхэм а Іуэху бгъэдьыхьэкІэм лъабжьэ пыухыкІа гуэри имыІэу къалъытэ, ар ягъэшынэн мурадкIэ залымыгъэм и Іэмал къабзэщ.

Апхуэдэу щытми, накъыгъэм и 21-м фэеплъ маршхэр щрагъэкІуэкІа илъэс куэдым хьэлэбэлыкъ къабзэр къызэпауда гуэри щыІакъым. Хэтхэм жылагъуэ хабзэр зэи къызэпаудакъым, хабзэхъумэ ІэнатІэхэм япэщІэувакъым. Сыт щыгъуи мамыр хьэл зыхэлъ а фэеплъ маршхэр «жылагъуэ шынагъуэншагъэм и шынагъуэу» къызэлъагъуэныр нэпэжыпІэкІэ хьэрэмхэр ягъэпэжын папщІэ къагъэсэбэп щхьэусыгъуэ къудейуэ къалъытэ.

Жылагъуэм къыгурыІуэу къищтащ Covid-19 пандемием и зэранкIэ 2020, 2021 гъэхэм фэеплъ маршхэр егъэкІуэкІыным ІэщІыб щыныр. АрщхьэкІэ пандемиер иухыу гъащІэр къызэрыгуэкІ и екІуэкІыкІэм хуэкІуэжа нэужьи, Украинэм щекІуэкІа зауэр щхьэусыгъуэ ящІри, политикэ щхьэусыгъуэкІэ нэпцІ ящІа лъабжьэ мыхъунухэм тету, накъыгъэм и 21-м фэеплъ маршым хуимыту екІуэкІым ягу къоуэ Хэкуми диаспорэми щыпсэу адыгэхэр.

Дызэрыщыгъуазэщи, 1992 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и парламентым накъыгъэм и 21-р къэрал махуэшхуэу игъэуващ «фэеплъырэ гуауэмрэ я Махуэу». Дэ къызэрытлъытэмкIэ, парламентым къищта а унафэм республикэм и унафэщІхэм я пщэ къыдохуэ зи гугъу тщІы щыгъуэ, хьэдэІус Іуэхухэр дэІыгъынымкIэ, ахэр хабзэ щІыкІэм тету егъэкІуэкІынымкIэ жэрдэмымкIэ.

КъищынымщІауэ, фэеплъ зэхьыхьэхэр накъыгъэм и 21-м хуиту щрагъэкІуэкІ Тыркум, Сирием, Иорданием, Германием, США-м, Франджым, Израильым, адыгэ диаспорэм щыпсэу нэгъуэщІ къэрал куэдми. А къэралхэм цІыхухэм хуит щащІыркъым лъэпкъгъэкIуэдырмэ хэкум ирашынымрэ хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжын, цIыхухэр хуиту зэхуэсыфынщ икIи маршхэр щрагъэкIуэкIыфынщ. Мыдрейуэ, икъукIэ гущIыхьащ адыгэхэм я тхыдэ лъахэм хыхьэ Налшык а фэепль зэхыхьэхэр зэрыщызэпаудар.

ЦIыху мелуанхэр зыхэт адыгэ диаспорэр набдзэгубдзэплъэу кIэлъопль тхьэдэ лъахэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм зэрызаужым икIи хуабжьу гурымыхьу зыхещIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэр адэжьхэм я фэеплым апхуэдэ хущытыкIэр.

ПщIэ ЗыхуэтщI Казбек Валерий и Къуэ, Адыгэ лъэпкъым и тхьэдэ фэеплыр ихъумэну иIэ хуитыныгъэр хъумэнымкIэ фIы, щхьэмыгъазэ Iуэху еплъыкIэ фиIэну дыфпоплъэ. Накъыгъэм и 21-м екIуэкIа фэепль зэхьыхьэхэм хэтыну хуей цIыхухэм яхуэгъэзауэ хабзэм къемызэгъ залымыгъэхэмрэ лъабжьэ зимыIэ «хъыбарегъащIэхэмрэ» фыпэджэжыну къыфхудогъэув; апхуэдэуи Адыгэхэм я фэепль Махуэр зэрагъэIурэ зэрыщытам хуэдэу, Налшык и уэрам нэхъыщхьэхэм мамыр пэкIухэр щегъэкIуэкIынымкIэ республикэм щыпсэухэм я конституцэ хуитыныгъэхэр хъумэнным, гъэзэщIэнтым хуэныкъуэ Iуэхухэр зэфIэвгъэкIыну.

ПщIэ хуащIу,

Шоджен Фарук АРСЛАНДОК
Плюралист демократием и партие Генерал-майор

18.05.2026 гъ

Яндекс.Метрика